СТУДЕНТХЭР ЩОДЖЭНЫМ И ГЪУСЭУ ТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ УНАФЭХЭМРЭ ЗАХУАГЪЭМРЭ

19.03.2026
Просмотры: 451

ЕджапIэ нэхъыщхьэм и администрацэм иригъэблагъэри, щоджэн Тарнакин Андрей СКФУ-м и юрфакым и бакалавриатым и 1 курсым щеджэ студентхэм яIущIащ. Лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ унафэхэмрэ захуагъэмрэ, IэщIагъэм и щэхухэм, юристым ихь жэуаплыныгъэхэм. Студентхэр зэхыхьэм жыджэру хэтащ, я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъагъуэу. Щоджэным къыхигъэщащ юрист IэщIагъэм гъэсэныгъэр, хьэл-щэнхэр щынэхъыщхьэу зэрыщытыр хъумэн, напэр псом япэ игъэщын зэрыхуейр.

 

451