ЕССЭНТIЫГУ ЩРАГЪЭКIУЭКIАЩ НЭЩI ИНЫМ И ПСАПЭ ТХЬЭЛЪЭIУР

20.03.2026
Просмотры: 631

2026 гъэм гъатхэпэм и 18-м ЕссэнтIыгу къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм псапэ щIалэгъуалэ литургиер щрагъэкIуэкIащ.

ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Благочиннэм къулыкъур драгъэкIуэIкащ члисэм и унафэщI щоджэн Журавлев Михаил, епархием и Псапэ къудамэм и унафэщI щоджэн Гриценкэ Виталий, члисэм и клирик щоджэн Нестеренкэ Сергий.

Уэрэдхэр игъэзэщIащ регент Шевченкэ Дарие зи унафэщI хорым, щIалэгъуалэмрэ благочинием и екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ зыхэтым.

Литургием хыхьэу ар зэпагъэуащ, тхьэлъэIур зэрекIуэкIынумрэ абы и мыхьэнэмрэ щоджэнхэм зэхуэсахэм гурагъаIуэу.

Литургие нэужьым благочиннэм къулыкъум хэтхэм ялъигъэIэсащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэр, ныбжьыщIэхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ епсэлъащ, Литургием зыхуэгъэхьэзырыным хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ. Абы жиIащ щIалэгъуалэр дяпэкIи тхьэлъэIухэм хэтыну гугъэ зэрищIыр.

 

 

631
Фотогалерея