ЩОДЖЭНЫР ЕДЖАКIУЭХЭМ ЯХУТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ Я ПСАЛЪЭМ ХУЭСАКЪЫН ЗЭРЫХУЕЙМ

23.03.2026
Просмотры: 477

2026 гъэм гъатхэпэм и 19-м Май къалэм Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ и библиотекэм щекIуэкIащ «Мой язык - мое зеркало» зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ псалъэ мыхъумыщIэхэм уахуэсакъын зэрыхуейм. Котляревскэ станицэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Арманов Николай класс нэхъыжьхэм щIэсхэм яжриIащ мыхъумыщIагъэ жамыIэу, чристэн щэнхабзэм пщIэ хуащIу псэун зэрыхуейр.

 

477