РОСГВАРДИЕМ И МАХУЭР ЩАГЪЭЛЪЭПIАЩ ПЯТИГОРСК

30.03.2026
Просмотры: 272

Пятигорск къалэм и «Россия — моя история» музей комплексым щекIуэекIащ Росгвардиер илъэси I0, дзэр къызэрыунэхурэ илъэс 215-рэ зэрырикъум теухуа зэхуэс. Абы хэтащ Жуковым и орденым и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэм Росгвардием щиIэ округым и лIыкIуэхэр, унафэщIхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, и ветеранхэр, хабзэхъумэ IэнатIэм къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэр.

Зэхыхьэм и пэ къихуэу абы хэтахэм ягу къагъэкIыжащ зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэда щIалэхэр, абыхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ, батальон щхьэхуэм и Iэгъуэблагъуэм щыIэм.

УФ-м и Росгвардием Жуковым и орденым и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ округым и дзэм и унафэщIым и къуэдзэ щоджэн нэхъыжь Филиппов Андрей ехъуэхъуащ.

ХьэщIэхэм гъэлъэгъуэныгъэм зыхагъэгъуэза нэужь, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэм, махуэшхуэм хэтхэр едэIуащ УФ-м и Президент Путин Владимиррэ Рогвардием Жуковым и орденым и цIэр зезыхьэу Кавказ Ищхъэрэм щиIэ гупым и унафэщI генерал-полковник Спиридонов Владимиррэ.

А махуэм зэхуэзащ УФ-м и лъэпкъ гвардием Жуковым и орденым и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэм щиIэ гупым и генерал-майор Росликов Александр зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм яIущIащ. ХэкIуэдахэм я унагъуэхэм я Iуэху зэIумыбзхэр зэфIахынымкIэ сыт щыгъуи зэрадэIэпыкъунур къыхагъэщащ.

ХьэщIэхэм папщIэ махуэшхуэ концерт итащ Росгвардием Жуковым и орденыр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым. Макъамэ Iэмэпсымэхэм еуащ, уэрэдхэр жаIащ, усэ къыщеджащ.

 

 

272