Текӏуэныгъэм и Махуэм и пэ къихуэу Кисловодск къалэм и школ № 9-м къыщызэӏуахащ «Лӏыхъужьым и Партэ». Ар траухуащ дзэ къалэныр игъэзащӏэу хэкӏуэда еджапӏэр къэзыуха Иванов Денис. Партэм лӏыхъужьым и биографие кӏэщӏ трагъэуващ.
Школым и администрацэм иригъэблагъэри, акцэм хэтащ Кисловодск къалэм и Крестовоздвиженскэ члисэм и штат щоджэн иерей Лиманов Георгий.Щоджэным зауэлӏым и анэм фӏыщӏэ хуищӏащ и къуэр екӏуу зэригъасэм папщӏэ, апхуэдэуи школакӏуэхэр къыхуриджащ къурмэн лъагъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэ зауэлӏхэм зэрахьа лӏыгъэмрэ Хэкум зэрыхуэпэжымрэ я фэеплъыр яхъумэну.