Къэбэрдей-Балъкъэрым И Прохладнэ районым Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм И Илъэсым щокӏуэкӏ сабийхэмрэ щӏалэгъуалэмрэ папщӏэ «докӏуэ, гъунэгъу къуажэм докӏуэ!». Абы хэтащ районым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм щыщ еджакӏуэ, абыхэм я адэ-анэ 200-м щӏигъу.Проектым сабийхэр щыгъуазэ ещӏ гъунэгъуу щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, фӏэщхъуныгъэм, хабзэхэм. Хэтхэм папщӏэ къызэрагъэпэщащ дзэ операцэ хэхам хэтхэми, хабзэ динхэм я лӏыкӏуэхэми творческэ зэӏущӏэхэр, концерт программэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр.
Пролетарскэ, Алтуд къуажэхэм школакӏуэхэм щаӏущӏащ Солдатскэ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщӏ иерей Молдованов Евгений Прохладнэ, Май районхэм я раис-ӏимамым и гъусэу.Зэпсэлъэныгъэхэм щыгъуэ хэтахэр тепсэлъыхьащ гаджетхэм егъэлеяуэ зэрыдихьэхым и зэраным, хабзэр къызэрызэпаудам папщӏэ жэуаплыныгъэм, цӏыхур цӏыхугъэкӏэ къызэрыхахым. Псэлъэгъухэм гулъытэ щхьэхуэ хуащӏащ Кавказым и хабзэ динитӏым я лӏыкӏуэхэм мамыру зэдэпсэуным, пщӏэ зэхуащӏыным теухуа темэм.Щӏалэхэр псалъэмакъым жыджэру хэтащ, упщӏэхэр иратащ, я гупсысэхэмкӏэ зэдэгуэшащ.