Накъыгъэм и 13-м Налшык Щоджэнцӏыкӏу А.и цӏэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекӏуэкӏащ «Щэнхабзэр террорым пэщӏэтщ»республикэ форумыр.Форумыр Иригъэкӏуэкӏащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкӏэ и Министерствэм. Зэӏущӏэм и унафэщӏу ЩЫТАЩ КЪБР-м И Правительствэм и Унафэщӏым и къуэдзэ Каширокъуэ Залим.Форумым и лэжьыгъэм хэтащ республикэм и къэрал, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лӏыкӏуэхэр.Спикерхэм ящыщщ Прохладнэ къалэм И Никольскэ члисэм и щоджэн иерей Еремеев Андрей.