Щоджэныр школ махуэшхуэм щыӏащ

25.05.2026
Просмотры: 4

2026 гъэм накъыгъэм и 22-м «7Яфест» унагъуэм и Урысейпсо тхьэмахуэм хыхьэу Винсадэ къуажэм и Михайловскэ члисэм и унафэщӏ иерей Марков Андрей Щыӏащ Винсадэ къуажэм и школ № 9-м. «7Яфест» унагъуэм и тхьэмахуэм зэкъуегъэувэ хабзэ хъуа унагъуэ лъапӏэныгъэхэр, бынунагъуэшхуэр, щӏэблэхэм я щӏэжыр дэӏыгъыным хуэунэтӏа узэщӏыныгъэ, жылагъуэ жэрдэмхэр. 3-8-нэ классхэм щеджэхэм утыку кърахьащ «унагъуэ жьауэ Щӏагъым» темэм теухуа сурэтхэр икӏи унагъуэм теухуа усэхэм къеджащ.Щоджэным егъэджакӏуэхэм я гъусэу иригъэкӏуэкӏащ «си унагъуэр си къэралыгъуэщ»дерсыр. Уэршэрым здыхэтым сабийхэм хуаӏуэтащ фӏыуэ зэралъагъур, зэрызыщӏагъакъуэр, пщӏэ зэрызэхуащӏыр. Зэӏущӏэм хэтахэм гулъытэ хэха хуащӏащ унагъуэ лъапӏэныгъэхэмрэ ӏыхьлыхэм яку дэлъ зэхущытыкӏэфӏхэм я мыхьэнэмрэ.

4
Фотогалерея