Черкесск И Республикэ сабий сымаджэщым «Знание»Урысей зэгухьэныгъэр и дэӏэпыкъуэгъуу,Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и штат щоджэн иерей Александр медицинэ ӏуэхущӏапӏэм и дохутырхэмрэ лэжьакӏуэхэмрэ щаӏущӏащ.
Щоджэныр тепсэлъыхьащ илъэс зэхуэмыдэхэм ди лъэпкъэгъухэм я гъащӏэр къезыгъэла цӏыхухэм. Абы гулъытэ хэха хуищӏащ Щихъ Лука (Войно-Ясенецкий). Ди адэ Александр едаӏуэхэр щигъэгъуэзащ щихъым и гъащӏэм, тепсэлъыхьащ шын хирургиемрэ анестезиологиемкӏэ иригъэкӏуэкӏа лэжьыгъэхэм, операцэ гугъухэм, псэкупсэ щӏэинхэм. Хэку зауэшхуэмрэ дзэ операцэ щхьэхуэмрэ хэт лӏыхъужьхэми, цӏыху гъащӏэр хъумэнымкӏэ медикхэм мыхьэнэшхуэ зэраӏэм тепсэлъыхьащ. Щоджэным утыку кърихьащ протоиерей Афонин Василий, протоиерей Козыр Пётр, Зоринхэ Виталийрэ Василийрэ, Солнышкин Афанасий сымэ я саугъэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.