Суворовскэ станицэм дэхуэхахэм я фэеплъыр щагъэлъэпӏащ

24.06.2026
Просмотры: 7

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м, фэеплъымрэ гуауэмрэ я Махуэм, Суворовскэ станицэм щекӏуэкӏащ Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуа щыгъуэ зэӏущӏэ.
Фэеплъ акцэм хэтащ Хьэзаб зрагъэшэча Суворовскэ станицэм И Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие сымэ я члисэм и унафэщӏ протоиерей Иванилов Роман, Бгы Лъапэ муниципальнэ округым и администрацэм и лӏыкӏуэхэр, депутатхэр, юнармейцхэр, станицэм щыпсэухэр.
Протоиерей Роман хэку зауэшхуэм хэкӏуэда Суворовскэ станицэм и зауэлӏхэмрэ щыпсэухэмрэ ятеухуа хьэдэщӏэлъхьэ литие иригъэкӏуэкӏащ. Итӏанэ щоджэным къызэхуэсахэм захуигъэзащ. Абы ягу къигъэкӏыжащ сэлэтхэм, офицерхэм, тылым щылажьэхэм зэрахьа лӏыгъэр икӏи къыхуриджащ Хэкум и хъумакӏуэхэм я фэеплъыр хуэсакъыу яхъумэну.
Абы иужькӏэ юнармейцхэм шар хужьхэр уафэм яутӏыпщри, мафӏэ Мыужьыхым деж щыӏэ фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

7
Фотогалерея