Налшык округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин хэтащ славянхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я Махуэм теухуа пшыхьым. Зэӏущӏэр Щекӏуэкӏащ КЪБР-м щэнхабзэмкӏэ И Фонду Вороков Владимир и цӏэр зезыхьэм.
Пшыхьыр къызэригъэпэщащ урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкӏэ «Вече» Зэгухьэныгъэм, Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсым хыхьэу.
Зэӏущӏэм хэтащ властым и органхэм, жылагъуэ, щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я лӏыкӏуэхэри, республикэм и щӏалэгъуалэри.