2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м Урысейм щагъэлъэпӏащ щӏалэгъуалэм я Урысейпсо махуэр. КЪБР-м И Прохладнэ къалэм и утыку нэхъыщхьэм махуэшхуэ щекӏуэкӏащ. Никольскэ члисэм и унафэщӏ протоиерей Маршалкин Андрей къызэхуэсахэм хъуэхъу псалъэкӏэ захуигъэзащ икӏи Москварэ урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл щӏалэгъуалэм я Махуэм теухуа тхыгъэр хэӏущӏыӏу ищӏащ.