Чристэн центритӏым я щӏалэгъуалэр Налшык щызэӏущӏащ

03.07.2026
Просмотры: 7

Черкесск къалэм И Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щӏалэгъуалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и члисэхэм щыӏащ.Хьэжыщӏ кӏуэхэр Щыӏащ Прохладнэ къалэм И Никольскэ члисэмрэ Александровскэ станицэм И невскэ Пщы Уэлий Александр и члисэмрэ, абы иужькӏэ Налшык къэкӏуащ. Апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цӏэр зезыхьэ члисэ зэхуэхьэсам хьэщӏэхэм щаӏущӏащ КЪБР-м чристэн щӏалэгъуалэм Я «Мир всем»Центрым и жыджэракӏуэхэр.Зэӏущӏэм хэтахэм папщӏэ хасэм зыплъыхьакӏуэ щрагъэкӏуэкӏащ. Итӏанэ екӏуэлӏапӏэ библиотекэм щӏалэгъуалэр щызэрыцӏыхуащ икӏи псоми я зэхуэдэ шхэгъуэм зэпсэлъэныгъэм щыпащащ.

7
Фотогалерея