Константиновскэ станицэм щэнхабзэмкӏэ и къуажэ Унэм щекӏуэкӏащ унагъуэм, лъагъуныгъэм, пэжыгъэм я Махуэм теухуа махуэшхуэ.
Иерей Хлынов Кирилл хьэщӏэхэм фӏэхъус ярихри ягу къигъэкӏыжащ а махуэр фӏэщхъуныгъэ зиӏэ пщы Петррэ Гуащэ Муромский Февронийрэ — чристэн унагъуэм и жьауэм щӏэтхэм-зэрытеухуар. Щоджэным къыхигъэщащ унагъуэ быдэр зэгурыӏуэныгъэм, дэӏэпыкъуныгъэм, лъагъуныгъэм зэрытещӏыхьар.
Станицэм и ӏэтащхьэ Артемов Александррэ щэнхабзэмкӏэ Унэм и унафэщӏ Мальцевэ Юлиерэ я гъусэу щоджэным фӏыщӏэ тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ яритащ щапхъэ зытрах унагъуэхэм.