2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 8 — м «Зеленый Афон» лагерым щагъэлъэпӏащ унагъуэм, лъагъуныгъэм, пэжыгъэм я Махуэр-фӏэщхъуныгъэ зиӏэ пщы Петррэ Гуащэ Муромских Феврониерэ я фэеплъ махуэр.
Пщэдджыжьым япэ сменэм хэтхэм папщӏэ ирагъэкӏуэкӏащ «Тхьэр Здэщыӏэм лъагъуныгъэри щыӏэщ»джэгукӏэр.
Махуэм Пятигорск, Черкесск епархием и щӏалэгъуалэ къудамэм и унафэщӏ иерей Вдовин Владимир щӏалэхэм яӏущӏащ. Унагъуэмрэ зэхущытыкӏэмрэ тепсэлъыхьырт, лъагъуныгъэр зищӏысымрэ ар зыхуэдэмрэ я упщӏэм и жэуапыр зэгъусэу къалъыхъуэрт.
Пщыхьэщхьэм екӏуэкӏащ «Хъыджэбз ӏэзагъхэмрэ удаль молодецкая»программэр. Хэтахэри Егупсысырт Щихъхэу Пётррэ Февронийрэ я гъащӏэмрэ абыхэм я щапхъэр иджырей гъащӏэм сэбэп зэрыхуэхъумрэ.