2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м къыщыщӏэдзауэ и 25 пщӏондэ Черкесск И Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и хьэжыщӏ кӏуэхэм урысейм и щӏыпӏэ лъапӏэхэм хьэжыщӏ кӏуэ зэпытащ.
Бадзэуэгъуэм и 21-м гупыр щыӏащ Владимирскэ областым хыхьэ Лаптевэ къуажэм Дэт Боголюбскэ къулъшырыфым и Никольскэ пщӏантӏэм. Фӏэщхъуныгъэ зиӏэхэм гуэныхьхэр яӏуэтэжащ, Мэсихь и Щэху Лъапӏэхэм хэтащ, псынэ лъапӏэм хыхьащ. Итӏанэ хьэжыщӏ кӏуэхэм Зрагъэцӏыхуащ Суздальрэ Владимиррэ я члисэхэм я тхыдэм.
Бадзэуэгъуэм и 22-м Городецкэ Феодоровскэ цӏыхухъу къулъшырыфым Тхьэлъэӏу литургие нэужьым гъуэгуанэм хэтахэм зыщагъэгъуэзащ псэупӏэми, Городцрэ Нижний Новгородрэ я члисэхэми я тхыдэм.
Бадзэуэгъуэм и 23, 24-хэм хьэжыщӏ кӏуэхэр Тхьэ щелъэӏуащ Троицкэ Серафимо-Дивеевскэ цӏыхубз къулъшырыфым. Абыхэм гуэныхьхэр яӏуэтэжащ, хэтащ, Кӏэнауэ Лъапӏэм ирикӏуэри, псынэ лъапӏэхэм щыӏащ. Черкесск И Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам папщӏэ екӏуэлӏапӏэм кӏуэхэм къащэхуащ щихъ Саровский Серафимрэ Дивеевская Александрэрэ я тхьэнапэщӏэхэр. Къулъшырыфым ахэр щихъхэм я хьэдэкъупщхьэхэм деж щагъэлъэпӏащ.
Бадзэуэгъуэм и 24, 25-хэм гупыр щыӏащ Серафимович къалэм дэт Усть-Медведицкэ Спасо-Преображенскэ къулъшырыфым.
Тхьэмахуитӏкӏэ хьэжыщӏ кӏуэныр Иухащ Мамаев ӏуащхьэмахуэ — Сталинград зауэм и щӏыпӏэм-кӏуэурэ. Псори зэхэту гъуэгуанэм цӏыху 61-рэ хэтащ.