"Спартак-Налшык «СК-м и футболистхэм мыхьэнэшхуэ зиӏэм теухуа псалъэмакъ» драгъэкӏуэкӏащ Пятигорск епархием И Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентинрэ муслъымэнхэм я Дин ӏуэхущӏапӏэм и унафэщӏым и къуэдзэ Сижажев Алим-хьэжырэ.
Уэршэрым здыхэтым ахэр тепсэлъыхьащ псэкупсэ гъащӏэм и лъабжьэхэм, Тхьэлъэӏум Дыкъэзыгъэщӏам псэууэ епсэлъэным и мыхьэнэм, Урысейм ис лъэпкъхэм я хабзэхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфӏыгъуэхэмрэ хъумэным.