2026 гъэм шыщхьэуӏум и 8-м Старопавловскэ станицэм щекӏуэкӏащ «Упсэу»ӏуэхур. Абы зэкъуигъэуващ дзэ операцэ хэхам хэтхэм зэпымыууэ ядэӏэпыкъу волонтёрхэр.
Акцэр къызэрагъэпэщащ СВО-м хэт Яковенкэ Виталий, станицэм и администрацэм, «Торнадо»мотоклубым. Цӏыхухэмрэ хьэщӏэхэмрэ папщӏэ концерт программэрэ махуэшхуэ шхыныгъуэрэ ягъэхьэзыращ.
Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкӏэ захуигъэзащ Никольскэ члисэм и унафэщӏ иерей Вологин Александр. Зэӏущӏэм хэтахэм хэкӏуэда зауэлӏхэм «мыкӏуэдыжын фэеплъ» хужаӏэри, псэухэм я узыншагъэм папщӏэ тхьэ елъэӏуащ.
Старопавловскэ станицэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаманым волонтёрхэм яритащ медалхэмрэ фӏыщӏэ тхылъхэмрэ. Абы фӏыщӏэ яхуищӏащ зауэлӏхэм зэпымыууэ зэрадэӏэпыкъум, фронтым зэрызыщӏагъакъуэм папщӏэ.