2026 гъэм шыщхьэуӏум и 19-м, Зиусхьэным Зэрызихъуэжам и махуэшхуэм, Ессэнтӏыгу къалэм и Къэзан члисэм и унафэщӏ щоджэн Шмылик Олег Ессэнтӏыгу къалэ сабий сымаджэщым щыӏащ.
Щоджэным узыншагъэм теухуа тхьэлъэӏу иригъэкӏуэкӏащ икӏи пхъэщхьэмыщхьэхэр игъэлъэпӏащ. Ди адэ Олег сымаджэщым и унафэщӏхэмрэ лэжьакӏуэхэмрэ, сымаджэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ ехъуэхъуащ Зиусхьэным Зэрызихъуэж махуэшхуэмкӏэ. Ар тепсэлъыхьащ махуэшхуэм и тхыдэмрэ абы епха члисэ хабзэхэмрэ.
Зэӏущӏэр щиухым сабийхэм хуагуэшащ мыӏэрысэ гъэнэхуахэмрэ фомрэ.