Налшык щекӏуэкӏащ дин лэжьакӏуэхэм я зэхуэсрэ гуэныхьхэр ӏуэтэжынымрэ

28.08.2026
Просмотры: 6

 2026 гъэм шыщхьэуӏум и 26-м Налшык къалэм и щихъ Столпник Симеон и члисэм Щекӏуэкӏащ Пятигорск епархием и Налшык члисэ округым и дин лэжьакӏуэхэм я зэхуэсрэ гуэныхьхэр ӏуэтэжынрэ.
Зэхуэсым хэтащ КЪБР-м лъэпкъ ӏуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкӏэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащӏэ Гергоков Джамбулэт. Хэтахэр тепсэлъыхьащ радикализмэмрэ неонацизмэмрэ я идеологием зегъэубгъуным пэщӏэтыным, лъэпкъ, дин зэгурыӏуэныгъэхэр гъэбыдэным, хэхакӏуэ ӏуэхум лъэпкъ, дин ӏуэхугъуэхэр къыщамыгъэсэбэпыным.
Гулъытэ хэха хуащӏащ шынагъуэншагъэм и паспортхэм, видеонэтын системэхэм, мафӏэсгъэункӏыфӏ, терроризмэм пэщӏэт хъумэныгъэхэм.
Гуэныхьхэр ӏуэтэжыным и пэ къихуэу благочинием и дин лэжьакӏуэ протоиерей Лиманов Гермоген зэкъуэшхэм ущие псалъэкӏэ захуигъэзащ. Ар тепсэлъыхьащ псэкупсэ зэхъуэкӏыныгъэм, псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр хъумэным, фӏэщхъуныгъэ зиӏэхэм псалъэм и мызакъуэу, езыхэм я гъащӏэкӏи щапхъэ яхуэхъу мэлыхъуэм и образым.

6
Фотогалерея