ТХЬЭМАХУЭ ШКОЛЫМ ЛӀЫГЪЭМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

06.10.2026
Просмотры: 324

Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм и тхьэмахуэ школым щыӏущӏащ дзэ операцэ хэхам хэтхэм.

Хьэщӏэхэм сабийхэм хуаӏуэтащ дзэ къулыкъум, къалэным зэрыхуэпэжым, Хэкур фӏыуэ зэралъагъум, псэм и къарум. Абыхэм гулъытэ хэха хуащӏащ фӏэщхъуныгъэр цӏыхум гъэунэхуныгъэхэр къызэринэкӏынымкӏэ, дакъикъэ гугъухэм лӏыгъэр ихъумэнымкӏэ сэбэп зэрыхъум.

Щӏалэхэр хьэщӏэхэм набдзэгубдзаплъэу едаӏуэрти, упщӏэхэр иратырт. Псалъэмакъыр сабийхэм сэбэп яхуэхъуащ жэуаплыныгъэм, гущӏэгъум, я гъунэгъум дэӏэпыкъуну зэрыхьэзырым къикӏыр нэхъыфӏу къагурыӏуэнымкӏэ.

Зэӏущӏэр щиухым тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм дзэм къулыкъу щызыщӏэхэм фӏыщӏэ хуащӏащ я гъащӏэ зэфӏэкӏым теухуа зэпсэлъэныгъэмрэ хъыбарымрэ папщӏэ.

 

324
Фотогалерея