2026 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м Ессэнтӏыгу щекӏуэкӏащ къалэм и Урыс зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Русский двор» махуэшхуэр.
Махуэшхуэр къызэӏуихащ Пятигорск, Черкесск епархием и псапэ къудамэм и унафэщӏ, апостолхэу Пётррэ Павелрэ я члисэм и унафэщӏ иерей Гриценкэ Виталий. Щоджэным къызэхуэсахэм яритащ Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт и нэфӏщыхуэныгъэр.
Ди адэ Виталий ягу къигъэкӏыжащ урыс щэнхабзэм чристэн фӏэщхъуныгъэм щиӏэ мыхьэнэмрэ хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриӏэмрэ. Абы къыхуриджащ адэжьхэм я щӏэиныр хуэсакъыу яхъумэну, ар щӏэблэщӏэм ӏэрагъэхьэну, Тхьэр, Хэкур, гъунэгъухэр фӏыуэ ялъагъуу сабийхэр ягъэсэну.
Махуэшхуэм щыгъуэ дин лэжьакӏуэхэмрэ псапащIэхэмрэ узэщӏыныгъэ ӏуэху ирагъэкӏуэкӏащ. Ахэр хьэщӏэхэм епсэлъащ Псыхуабэ и Тепхъуэ махуэшхуэ екӏуэкӏынум теухуауэ икӏи абы и тхыдэмрэ и псэкупсэ мыхьэнэмрэ теухуа буклетхэр ягуэшащ.
Зэпсэлъэныгъэхэм хэтхэр Тхьэлъэӏу литургием хыхьэу ирагъэблэгъащ Псыхуабэ и Покров махуэшхуэм.