Черкесск щоджэныр школакӏуэхэм щепсэлъащ

24.10.2026
Просмотры: 9

Черкесск къалэм гъуазджэхэмкӏэ и Сабий школ № 1-м еджакӏуэхэр Щаӏущӏащ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ЩЫӀЭ МВД-м И Жылагъуэ советым хэт иерей Гурин Александр.
Щоджэныр сабийхэм епсэлъащ цӏыхум и гъащӏэм и псэкупсэ, щэн-хабзэ лъабжьэхэм теухуауэ. Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ лъагъуныгъэм, фӏыщӏэм, гущӏэгъум, шыӏэныгъэм, гъэгъуныгъэм мыхьэнэшхуэ зэраӏэм.
Ди адэ Александр школакӏуэхэм яхутепсэлъыхьащ адэ-анэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ зэрагъэлъапӏэм, интернетым шынагъуэншэу зэрыщызекӏуэ хабзэхэм. Щоджэным гулъытэ хэха хуищӏащ лей зехьэнымрэ дропперствэмрэ кърикӏуахэм. Абы къыгуригъэӏуащ зэмыгупсыса комментариехэмрэ нагъыщэхэмрэ залымыгъэм, лъэпкъ е дин зэбииныгъэм къыхуезыджэ тхыгъэхэм «Ягу зэрырихьыр».
Зэӏущӏэр щиухым еджакӏуэхэр хэтащ фӏыгъуэхэмрэ гуэныхьхэмрэ зэхагъэкӏыфу зыщрагъасэ викторинэм. Сабийхэми ягу къагъэкӏыжащ къэзыухъуреихьхэм нэхъыбэрэ яжепӏэным мыхьэнэшхуэ зиӏэ псалъэ гуапэхэр, щэныфӏэхэр.

9
Фотогалерея