Железноводск къалэм и «Вираж» автошколым щекӏуэкӏащ шофер хъунухэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ дин лэжьакӏуэхэмрэ я лӏыкӏуэхэм щаӏущӏащ. Псалъэмакъым хэтхэр тепсэлъыхьащ «рулым Дэс Акъылыфӏагъэр гъащӏэмрэ псэмрэ я жэуаплыныгъэщ»темэм.
Шофер хъунухэм яхутепсэлъыхьащ акъылыфӏэу псэуным мыхьэнэшхуэ зэриӏэм, гъуэгум шынагъуэншагъэмкӏэ жэуаплыныгъэм.
Зэӏущӏэм хэтащ иерей Пронь Алексий. Щоджэным ягу къигъэкӏыжащ ӏэпкълъэпкъыр псэм и члисэу хъумэн, цӏыхум зэран хуэхъу гуэныхьхэм зыщыхъумэн зэрыхуейр.
Зэӏущӏэр щиухым хэтхэм фэеплъ тыгъэхэр иратащ, гъуэгум зэрыщызекӏуэ хабзэхэмрэ Тхьэм и унафэхэмрэ гъэзэщӏэным мыхьэнэшхуэ зэриӏэр ягу къагъэкӏыжу.