Екӏуэлӏапӏэм кӏуэ ныбжьыщӏэхэм папщӏэ зыплъыхьакӏуэ иригъэкӏуэкӏащ иерей Нартович Дионисий. Щӏалэхэр набдзэгубдзаплъэу едаӏуэрт члисэм и тхыдэм теухуа хъыбарым, абы и сурэт гъэщӏэрэщӏам зыщагъэгъуазэрт. Апхуэдэу Сабийхэр Кавказ Феодосий щихъым и хьэдэкъупщхьэ лъапӏэхэм зыкӏэращӏащ, абы и гъащӏэр къащӏащ, зэгъусэу тхьэ елъэӏуащ, шэху уэздыгъэхэри ягъэуващ.
Зэрыцӏыхуныгъэм къыпащэу сабийхэр члисэ щӏагъым кӏуэри музей экспонатхэм хэплъащ, абы иужькӏэ пщӏантӏэмрэ члисэ тыкуэнымрэ кӏуащ, ежьэжыным и пэ къихуэу псоми я зэхуэдэ шхэну къызэхуэсащ.