Цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и псэкупсэ мыхьэнэм теухуауэ

11.11.2026
Просмотры: 44

Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик, благочиннэм щӏалэгъуалэ къулыкъумкӏэ и дэӏэпыкъуэгъу иерей Копач Пётр яӏущӏащ Пятигорск къэрал университетым и студентхэм. Псалъэмакъыр траухуащ Цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм и псэкупсэ мыхьэнэм.

Зэӏущӏэм хэтащ управленэм и еджапӏэ нэхъыщхьэм и студентхэр — теолог хъунухэр, менеджментым, гуманитар, социальнэ щӏэныгъэхэм я ӏэщӏагъэлӏхэр.

Ди адэ Пётр тепсэлъыхьащ зэман зэхэзэрыхьам къыщыхъуахэмрэ къэралым игъэв кризис куум и щхьэусыгъуэхэмрэ. Щоджэным къыгуригъэӏуащ япэ цӏыхубэ дзэ пакӏэр щӏызэтекъутар, етӏуанэм Москва хуит къыщӏищӏыжыфар.

Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ Минин Кузьмэрэ пщы Пожарский Дмитрийрэ зэрахьа лӏыгъэм, зэрыпхъуакӏуэхэм едэӏуэн зымыда, тутнакъэщым иса Патриарх Ермоген и лӏыгъэм. Адэ Пётр гулъытэ хэха хуищӏащ дзэ пакӏэр Москва зыхуэкӏуэ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм.

Щоджэным къыхигъэщхьэхукӏащ зэкъуэтыныгъэм зэщхьыныгъэ къызэримыкӏыр. Абы цӏыху зэхуэмыдэхэм ӏэмал къарет зэщхьэщыкӏыныгъэхэр яхъумэну, псоми я зэхуэдэ мурадым зэгъусэу хуэлэжьэну. 1612 гъэм гъунэгъуу щытащ пщыхэмрэ къалэдэс къызэрыгуэкӏхэмрэ, дин лэжьакӏуэхэмрэ къэзакъхэмрэ, лъэпкъ зэмылӏэужьыгъуэхэм щыщхэр.

Зэӏущӏэр щиухым Ди адэ Пётр студентхэм я упщӏэхэм жэуап иритащ.

 

44
Фотогалерея