Тхьэмахуэ блэкӏам Къриубыдэу Прохладнэ къалэм и дзэ часть № 31681-м фӏэщхъуныгъэ зиӏэ и дзэ къулыкъущӏэхэм ядэлэжьэнымкӏэ командирым и дэӏэпыкъуэгъу иерей Андреев Евгений цӏыху щхьэхуэхэм епсэлъащ.
Дзэ щоджэныр дзэм къулыкъу щызыщӏэхэм епсэлъащ чристэн фӏэщхъуныгъэмрэ хабзэ хъуа чристэн лъапӏэныгъэхэмрэ теухуауэ. Адэ Евгений гулъытэ хэха хуищӏащ Мэсихь Къызэрытэджыжамрэ чристэным и гъащӏэм абы щиӏэ мыхьэнэмрэ.
Зэӏущӏэхэр Екӏуэкӏащ Урысейм ис лъэпкъхэм я хабзэ псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр хъумэным ехьэлӏа лэжьыгъэм ипкъ иткӏэ.