Налшык благочинием И Пролетарскэ къуажэ Жылагъуэм Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и члисэм тахътэ махуэшхуэр ӏэтауэ щагъэлъэпӏащ.
А махуэм члисэм тхьэ щелъэӏуащ къуажэдэсхэмрэ хьэжыщӏ кӏуэхэмрэ. Тхьэлъэӏу нэужьым жор кӏуапӏэ екӏуэкӏащ. Итӏанэ тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и пащхьэм акафист уэрэд щыжаӏэу тхьэлъэӏу щрагъэкӏуэкӏащ. Тхьэлъэӏум папщӏэ тхьэлъэӏухэр къаӏэтащ Тхьэм ихъумэ ди къэралым, абы и унафэщӏхэм, и дзэм, дуней, мамыр зэманхэм къапыкӏэ пхъэщхьэмыщхьэхэр зэрыкуэдым теухуауэ.
Тхьэм и Анэм И Къэзан тхьэнапэр гъэлъэпӏэныр къэрал махуэшхуэм — цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и Махуэм-тохуэ.
Тхьэм и Анэм И Къэзан тхьэнапэм и члисэр Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт Игъэлъэпӏащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъу илъэсым.