Щӏалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкӏэ «Эльбрус»Центрыр налшык къыщызэӏуахащ.
Центрыр къызэрагъэпэщащ «Щӏалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым И «Регион для молодых»Росмолодежи программэм ипкъ иткӏэ.
Къызэӏуахыну гуфӏэгъуэ дауэдапщэм хэтащ властым и органхэм, жылагъуэ, щӏалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лӏыкӏуэхэр. Зэхыхьэм апхуэдэу хэтащ апостол пэлъытэ мироносицэ Лъапӏэ Магдалинэ Марие Налшык къалэм и члисэ зэхуэхьэсам и клирик иерей Осипов Константин.
«Эльбрус» центрыр илъэс псом хэкупсэ гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм, зегъэужьыным, сабийхэмрэ щӏалэгъуалэмрэ жыджэру загъэпсэхуным хуэгъэпса иджырей къалэн куэд щагъэзащӏэ комплексщ.
Центрым и лэжьыгъэр хуэунэтӏауэ щытынущ урысейпсо граждан идентичностыр, хабзэ хъуа урысей псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр гъэбыдэным, граждан жэуаплыныгъэр гъэсэным, щӏалэгъуалэр жылагъуэ ӏуэху щхьэпэм хэшэным.