«Кали Архи» алыдж зэгухьэныгъэм и нэӏэм щӏэту Къэрэшей-Шэрджэсым и Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ Спартэ къуажэм щекӏуэкӏащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуа махуэшхуэ зэхыхьэхэр.
Махуэшхуэр ирагъэжьащ щихъ Святогорц Паисий и хьэдэкъупщхьэхэм я гуфӏэгъуэ зэӏущӏэмрэ Троицкэ члисэм тхьэлъэӏу литургиемкIэ.
Тхьэлъэӏу литургием и унафэщӏу щытащ Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщӏ протоиерей Кузнецов Сергий. Абы дэлэжьащ Спартэ къуажэм и Троицкэ члисэм и унафэщӏ иерей Иманов Алексий. Тхьэлъэӏу уэрэдхэр игъэзэщӏащ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и Архиерей хорым, регент Сотниковэ Наталье и унафэм щӏэту.
Махуэшхуэм щызэхуэсащ Ставрополь крайм, Пятигорск епархиемрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я жылагъуэ зэмылӏэужьыгъуэхэм къикӏа хьэщӏэ, хьэжыщӏ куэд.
Тхьэлъэӏур зэфӏэкӏа нэужь, махуэшхуэм хэтхэр щыӏащ районым щыпсэухэм къызэрагъэпэща лъэпкъ пщӏантӏэхэм. Сабийхэм папщӏэ аниматорхэр зэрыт нэгузыужь программэ ягъэхьэзыращ.
Цӏыхубэ самодеятельностым и гупхэр зыхэт концертышхуэкӏэ махуэшхуэ гуфӏэгъуэхэр иухащ.