Станицэм къыщызэӏуахащ Патриарх Лъапӏэ Кирилл И юбилейм ирихьэлӏэу гъэлъэгъуэныгъэ

24.11.2026
Просмотры: 3

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм И Александровскэ станицэм щэнхабзэмкӏэ и «Октябрь» Унэм къыщызэӏуахащ Москварэ урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл Илъэс 80 зэрырикъум хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ.

Гъэлъэгъуэныгъэр къызэӏухыным хэтащ Май муниципальнэ районым и ӏэтащхьэ Саенкэ Татьянэ, фӏэщхъуныгъэ зиӏэ пщы Невский Александр и члисэм и унафэщӏ протоиерей Дмитриенкэ Сергий, районым и жылагъуэхэм я ӏэтащхьэхэр, станицэм щыпсэухэмрэ хьэщӏэхэмрэ.

Гъэлъэгъуэныгъэм хьэщӏэхэр щыгъуазэ ещӏ Урыс Чристэн Члисэм и Унафэщӏым и гъащӏэ гъуэгумрэ архипастыр лэжьыгъэхэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ абы и къулыкъум и лъэхъэнэ нэхъыщхьэхэм, архиерей лэжьыгъэхэм, миссионер лэжьыгъэм, мамырщӏэкъу жэрдэмхэм, Урысейм и щӏыналъэхэм кӏуэным теухуа сурэтхэр, документальнэ хроникэм и кадрхэр, тхыгъэхэр.

Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрызэӏуахам къыдэкӏуэу псапащӏэ ӏуэху екӏуэкӏащ-сабийхэмрэ ныбжьыщӏэхэмрэ папщӏэ щыгъыныщӏэхэр ящащ. Зэхуахьэса ахъшэр хуаутӏыпщащ дзэ операцэ хэхам хэтхэм защӏэгъэкъуэным.

3
Фотогалерея